Дыгъэм и бзийхэмкӏэ
уи бгыщхьэ хужь лъагэхэр
игъэщӏэращӏэу щытепсэкӏэ, уей,
къуалэбзу бзэрабзэри
бгы лъапэ мазэм къыщоlури, уей,
си гум пIейтейуэ сынехь уи деж
Къуалэбзу бзэрабзэри
бгы лъапэ мазэм къыщоIури, уей,
си гум пIейтейуэ сынехь уи деж
Адэжь щӏыналъэуэ,
си псэм и плъапӏэуэ,
си пщIыхьым хэтыр
уэ зыр къудейщ
Адыгэ пшыналъэм
си гур игъафӏэуэ
гупсысэ ӏэфӏым
сыхедзэр, уей
Губгъэ хуит дахэхэм,
уи мэзышхуэ щхъуантӏэхэм,
сыныхуозэшыр
сэ сыт щыгъуи, уей
Уи пщащэ дахэхэм,
уи щауэ хахуэхэм
хуэзгъадэ теткъым
сэ зымикӏ дунейм
Дэнэ сыщыӏэми,
сыт сэ сымыгъахъэми,
адыгэ нэсу зызобжыри, уей
Адыгэ хабзэм нэхъ къабзэ
дунейм щымыӏэу солъытэри, уей,
адыгэм сэ сыропагэр, уей
Адыгэ хабзэм нэхъ къабзэ
дунейм щымыӏэу солъытэри, уей,
адыгэм сэ сыропагэр, уей
Адэжь щӏыналъэуэ,
си псэм и плъапӏэуэ,
си пщlыхьым хэтыр уэ зыр къудейщ
Адыгэ пшыналъэм си гур игъафӏэуэ
гупсысэ ӏэфӏым сыхедзэр, уей
Адыгэ хабзэкъэ - пшынэри бзэрабзэмэ,
щауэм и пщащэр утыкум къыдеш
Джэгур дахащэмэ,
Iэгури дэщащэмэ,
фӏылъагъуныгъэми и гъуэгур хеш
Адэжь щӏыналъэуэ,
си псэм и плъапӏэуэ,
си пщlыхьым хэтыр уэ зыр къудейщ.
Адыгэ пшыналъэм
си гур игъафӏэуэ
гупсысэ ӏэфӏым сыхедзэр, уей
Адыгэ хабзэкъэ - пшынэри бзэрабзэмэ,
щауэм и пщащэр утыкум къыдеш
Джэгур дахащэмэ,
ӏэгури дэщащэмэ,
фӏылъагъуныгъэми и гъуэгур хеш
Дэнэ сыщыӏэми,
сыт сэ сымыгъахъэми,
адыгэ нэсу зызобжыри, уей,
адыгэ хабзэм нэхъ къабзэ
дунейм щымыӏэу солъытэри, уей,
адыгэм сэ сыропагэр уей
Адыгэ хабзэм нэхъ къабзэ
дунейм щымыӏэу солъытэри, уей,
адыгэм сэ сыропагэр уей
Адыгэм сэ сыропагэр уей
Адыгэм сэ сыропагэр уей