Фӏэхъус апщий!
Дыгъуэпшыхь, шыщхьэӏум и 25-м, Адзгъэм адыгэ-абазэр Лыхъныштэ-кӏэ зэджэ джэгупӏэжьым зы джэгукӏэ щызэхишащ.
Жьыр щыдгъафӏэу,
Щӏэр щыдгъасэу,
Шы ӏэсэ къыщыжэу,
Жыгыжь щыгъагъэу,
Уэр игъуэу тегъуагъуэу,
Удзыщӏэр щыбагъуэрэ
Бынищэм тыраубэу.
Зы бзэкӏэ, зы хабзэкӏэ, зы къафэбзэ-пхынэбзэкӏэ адыгэ-абазэр дызэрыщӏэрэ дызэдэхъуу,
Мыхъур щыдгъэмащӏэу,
Хъур щыдгъэбагъуэу
Куэдрэ щыДЖЭГУн Тхьэм дищӏ!