Шуджэгу зэпеуэр зищIысымрэ и мыхьэнэмрэ.
"Шым и Iэпкълъэпкъыр дахэ-дахэу земыкIуэмэ, хуэмыху мэхъу, ‒ жаIэр. ИкIи пэжщ, шуушыр куэдрэ щыбгъэтмэ, умыгъасэ зэпытмэ, ерейм хуэкIуа нэужь, утыку укъринэнкIэ тIэу еплъынукъым. Аращ адыгэлIхэм зэман гуэр къазэрахудэхуэу, яш ягъасэу, ягъэджэгуу, зэпеуэу щIыщытар. АпщIондэху езыхэми я Iэпкълъэпкъхэри ягъэлажьэрт, шууей Iэмалхэм, зекIуэкIэхэм сыт щыгъуи хуэхьэзыру, хуэшэрыуэу щытын папщIэ. Шыр щIагъапхъуэрти зэуэ зыкърагъэгъэкIэрэхъуэжырт, жэрыжэм тету къелъэрти шэсыжырт, къеIэбыхырти щIым хуагъэтIылъа гуэрхэр къащтэжырт, псагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм еуэхэрт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ шымрэ шууеймрэ я пIалъэ зрагъэщIэжырт, я зэфIэкIыри къагъэлъагъуэрт, абы хагъахъуэрт. Ауэрэ, езы тIур зэрыщIэрти, зэщхьэпэжу зауэ гуащIэм хуэхьэзыр, хуэIэзэ хъурт. ИпэкIэ пщыхэр, уэркъхэр губгъуэм ит мэкъумэшыщIэхэр къахъумэу шу пщыIэу зэхэтмэ е зекIуэ кIуэуэ гъуэгу тетмэ, яш ягъэджэгу зэпытт. Ауэ псом хуэмыдэу шуджэгур убгъуауэ щащIу щытар адыгэ джэгушхуэхэм, тхьэлъэIухэм, илъэс къурIэнаджэхэм, дамыгъэтедзэхэм дежт. Абы нэмыщIкIэ диным ехьэлIа махуэшхуэхэми – нэщI икIыж, къурмэн хуэдэхэм ирырагъэхьэлIэрт. Абы щыхьэт тохъуэ, псалъэм папщIэ, «Отечественные записки» журналыр къыдэзыгъэкIыу щыта П.П. Свиньин. Абы зэритхыжымкIэ, 1825 гъэм бадзэуэгъуэ мазэу Къэбэрдейм Бещто лъапэ хуэзэу щыса ХьэжыкъалэкIэ зэджэ къуажэшхуэм щрагъэкIуэкIащ къурмэн джэгушхуэ, щIалэгъуалэр къыщыфэу, уэрэд щыжаIэу, шууейхэр щызэпеуэу, шыгъажэ ящIу. Абы куэду кърихьэлIат Псыхуабэ къикIыу зыгъэпсэхуакIуэ къэкIуа урыс гуащэхэр, къулыкъу зыщIэ урыс офицерхэр, пэщтыхьым и лэжьакIуэхэр. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, абы къэкIуауэ щытагъащ Михаил Лермонтоври. Къызэхуэса псоми яфIэтелъыджэт адыгэхэм я фащэ дахэр, я къэфэкIэр, я уэрэд жыIэкIэр. Ауэ псом хумыдэу яфIэгъэщIэгъуэну я нэр тедияуэ зэплъыр шуджэгу зэпеуэрт. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэхэм я деж фIэкIа апхуэдэу шыр зыгъэIурыщIэ, абы лъагэу зезыгъэIэт, джэгум и курыкупсэм изыгъэувэф нэгъуэщI зыщIыпIи щыплъагъунутэкъым. Иджыри къыздэсым дунейм теткъым адыгэм хуэдэу къафэр, уэрэдыр, шуджэгу зэпеуэр дахэу, зэкIужу зэпызыщIэфа.Уеблэмэ, шууей зэпеуэ зыхэмыт джэгур джэгум хамыбжэххэу щытащ."
Бгъэжьынокъуэ Барасбий.