Мир сегодня с "Юрий Подоляка"
Мир сегодня с "Юрий Подоляка"
Труха⚡️Україна
Труха⚡️Україна
Николаевский Ванёк
Николаевский Ванёк
Мир сегодня с "Юрий Подоляка"
Мир сегодня с "Юрий Подоляка"
Труха⚡️Україна
Труха⚡️Україна
Николаевский Ванёк
Николаевский Ванёк
Djarez Club avatar
Djarez Club
Djarez Club avatar
Djarez Club
Ӏурдыным щыщ ди жылэгъухэу, ныбжьэгъухэу Хьэлащтэхэ Исхьэкърэ Зэйнэрэ Хэкум щохьэщӏэ. Зэйнэ и адэ-анэм илъэсищ ипэ къагъэзэжауэ Мысостей унэ-лъапсэ щаухуауэ дэсщ. Хьэлащтэ зэщхьэгъусэхэри зыщӏэхъуэпсыр, я плъапӏэр аращ. Фи къакӏуэ махуэ тхухъу. Фи хэку фыщыунэжыну, фыщылъэпсэжыну дыфхуохъуахъуэ!

#Djarez_ХьэщIэщым
ЩыгъуэщI тхылъ

Куэду гухэщI тщыхъуащ IартылIрэ адыгэлIу къэгъуэгурыкIуа ПэтIуащIэ Феликс зэрыщымыIэжыр. Мыр зи хэщIыр ПэтIуащIэхэ я закъуэкъым, зэрыадыгэ жылэу ди хэщIщ. И Iэужьыр махуэ тхухъу.

И хьэдрыхэ фIы, дахэ Тхьэм ищI. Ди япэ ищам я пащхьэ напэ хужькIэ ихьэжауэ Тхьэм къыщIигъэкI.

#Djrz_ГуIэгъуэ
post.reposted:
Bgiris gurbian avatar
Bgiris gurbian
Пасэрей ӏэужьымрэ нобэрей ежьумрэ

Уигу хигъахъуэкӏэрэ уигъэхъуапсэу, уигъэгупсысэкӏэрэ уиулъэщу Нэхущ Чэримрэ и ныбжьэгъу-ӏуэхущӏэгъухэмрэ дыгъуэпшыхь дызыхагъэплъа "ЛъэгъэДжэгу" уэрэдыпкъэм (music video, clip) зы мащӏэкӏэ сыпэджэжым, сыпэхъуэхъуэжым сфӏэигъуэщ.

Ипэращи, адыгэбзэкӏэ узэхыхьэрэ узэхэтрэ узэхэкӏыжыныр фӏым я фӏыжу зыгуэрщ. Чэримрэ и гупымрэ тыраха уэрэдыпкъэм пкъы къезытщ и адыгэбзэ къызэрымыкӏуэр. Адыгэбзэр къызэрымыкӏуэрэ абы къещӏэкӏыжа псор фагъуэмэ, къызэрымыкӏуэри къызэрыкӏуэ мэхъуж, ауэ гупыр зэхуэфӏу, зэщыщхъуу, зэхуэфащэу зэхуэсрэ нэщӏысауэ, зэдэхъуу, зэдэщӏу зэдэлажьэмэ, я ӏэужьыри дыгъуэпшыхьырейм хуэдэу гущӏэубыдэ мэхъу.

Ӏуэхум и къекӏуэкӏыкӏа псор умыщӏэу ухэлъадэрэ хэлӏыфӏыхьауэ хъуам цӏэиӏуэкӏэ фӏыщӏэ яхуэсщӏыжынщ жыпӏэмэ, зыгуэр къыпщыгъупщэнщ, гулъытэншэу къэбгъэнэнщи, емыкӏухь ухъунщ. Ауэ ӏуэхум и ублапӏэри, и курыхри, и кӏэухыри зэзыгъэуӏуауэ, псэ хэзыгъэкӏауэ, и гурыгъу-гурыщӏэхэр къытщыгугъкӏэрэ къытхуэзыупцӏэнауэ щыт Нэхущ Чэрим и цӏэр щхьэхуу измыӏуэнри емыкӏущ.

Си шынэхъыжь, уи ӏэщӏагъэм и щӏагъ щӏэлъ гузавэри, хъуапсэри, бампӏэри къыбдызогъащтэ. Мы ди адыгэ утыкум узэритрэ укъызэщӏэмыкӏуэжщ, уемызэшыжщ. Сыт иужь уимыхьами гурыхьу, гугъэзагъэу бощӏ. Си гущэ хэлъыгъуэу хэпша гъуэгу бгъуфӏэ-бжьыфӏэр си балигъ хъугъуэ хъуами зы мащӏэкӏи емыкӏэкӏуауэ зэрыбгъуфӏэщ, зэрыбжьыфӏэщ.

Гъуэгуфӏохъу апщий.

Уи шу гъусэу Шыбзыхъуэ ӏэстемыр
14.03.202516:04
Ди лъэпкъэгъухэ, етӏэнэгъэ пӏалъэ фӏыкӏэ фыныс!

Нобэ гъэм ипэ махуэщ, шэджагъуэ нэужьым (21.03-м, сыхьэтыр 12 нэужьым) адыгэ гъэрыгъэпсымкӏэ гъэрэ щӏырэ зэхэкӏащ. Гъэр текӏуащ, уэгур зэщӏопсэ, щӏыгур мэбауэ.

Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ, лъэпкъыщхьэкӏэ дыбагъуэу, цӏыхущхьэкӏэ дыхэхъуэу, мэшрэ гъэшрэ дыщымыщӏэу, ди щӏэблэр узыншэрэ щӏэныгъэм хуэпабгъэу дыщыӏэну долъаӏуэ, дохъуахъуэ!
post.reposted:
ДЖЭГУ avatar
ДЖЭГУ
Фи махуэ фIыуэ.

Фигу къыдогъэкIыж.
Нобэ ДЖЭГУ махуэщ.

Сыхьэтихым (18:00) "Синдика" хьэщIэщым (г. Нальчик, ул. Пирогова 1) дыщынывожьэр.

ФIыкIэ!
post.reposted:
ДЖЭГУ avatar
ДЖЭГУ
Джэгужь апщий!

Гъатхэпэ джэгум игъуэщ.
Гъэм ипэ махуэр къоблагъэр.
ТхуэфIын Тхьэм ищI!

Джэгум фыкъеблагъэ:

• дапщэщ;
Гъатхэпэм и 23-м, 19:00.

• дэнэ;
Къэбэрдей, Налщыч,
СПА-ОТЕЛЬ «СИНДИКА».
____

• 23 МАРТА, 19:00.
• Спа-отель «Синдика».
post.reposted:
ДЖЭГУ avatar
ДЖЭГУ
Джэгужь апщий!

Джэгум фыкъеблагъэ!

• дэпщэщ:
Мазаем и 5-м

• дэнэ:
Къэбэрдей, Налщыч,
СПА ОТЕЛЬ «СИНДИКА».
____

• 5 Февраля
• 18:00
• спа отель «Синдика»
Показано 1 - 11 из 11
Войдите, чтобы разблокировать больше функциональности.