Пасэрей ӏэужьымрэ нобэрей ежьумрэ
Уигу хигъахъуэкӏэрэ уигъэхъуапсэу, уигъэгупсысэкӏэрэ уиулъэщу Нэхущ Чэримрэ и ныбжьэгъу-ӏуэхущӏэгъухэмрэ дыгъуэпшыхь дызыхагъэплъа "ЛъэгъэДжэгу" уэрэдыпкъэм (music video, clip) зы мащӏэкӏэ сыпэджэжым, сыпэхъуэхъуэжым сфӏэигъуэщ.
Ипэращи, адыгэбзэкӏэ узэхыхьэрэ узэхэтрэ узэхэкӏыжыныр фӏым я фӏыжу зыгуэрщ. Чэримрэ и гупымрэ тыраха уэрэдыпкъэм пкъы къезытщ и адыгэбзэ къызэрымыкӏуэр. Адыгэбзэр къызэрымыкӏуэрэ абы къещӏэкӏыжа псор фагъуэмэ, къызэрымыкӏуэри къызэрыкӏуэ мэхъуж, ауэ гупыр зэхуэфӏу, зэщыщхъуу, зэхуэфащэу зэхуэсрэ нэщӏысауэ, зэдэхъуу, зэдэщӏу зэдэлажьэмэ, я ӏэужьыри дыгъуэпшыхьырейм хуэдэу гущӏэубыдэ мэхъу.
Ӏуэхум и къекӏуэкӏыкӏа псор умыщӏэу ухэлъадэрэ хэлӏыфӏыхьауэ хъуам цӏэиӏуэкӏэ фӏыщӏэ яхуэсщӏыжынщ жыпӏэмэ, зыгуэр къыпщыгъупщэнщ, гулъытэншэу къэбгъэнэнщи, емыкӏухь ухъунщ. Ауэ ӏуэхум и ублапӏэри, и курыхри, и кӏэухыри зэзыгъэуӏуауэ, псэ хэзыгъэкӏауэ, и гурыгъу-гурыщӏэхэр къытщыгугъкӏэрэ къытхуэзыупцӏэнауэ щыт Нэхущ Чэрим и цӏэр щхьэхуу измыӏуэнри емыкӏущ.
Си шынэхъыжь, уи ӏэщӏагъэм и щӏагъ щӏэлъ гузавэри, хъуапсэри, бампӏэри къыбдызогъащтэ. Мы ди адыгэ утыкум узэритрэ укъызэщӏэмыкӏуэжщ, уемызэшыжщ. Сыт иужь уимыхьами гурыхьу, гугъэзагъэу бощӏ. Си гущэ хэлъыгъуэу хэпша гъуэгу бгъуфӏэ-бжьыфӏэр си балигъ хъугъуэ хъуами зы мащӏэкӏи емыкӏэкӏуауэ зэрыбгъуфӏэщ, зэрыбжьыфӏэщ.
Гъуэгуфӏохъу апщий.
Уи шу гъусэу Шыбзыхъуэ ӏэстемыр